ПащIэ Бэчмырзэ: Усэхэр
Къэрабгъэр щIэшынэр ажалщ, Хьэлэлыр зэрыпщIэр и хабзэщ,
Губзыгъэр зэрыпщIэр и Iуэхущ,
Делэм куэд ищIэу къыфIощI.
ЗымыщIэр егугъумэ, цIыхуфIщ.
ЗызыфIэщI къэпIэтмэ, пщы зещI.
Зи щIыпIэ хуэубэ бгъуэтынкъым,
Дыкъмыкъыр ебгъафэм, мэудафэ.
Унафэр Iущмэ, захуагъэр къехь.
Iыхьэ зимыIэр мылажьэрщ.
___________________
© ПащIэ Бэчмырзэ
Похожие новости:
Комментарии:



